VIDEO
,,Дэнэ ущыхэт ?" (22. 05.2025) Ди нэ1уасэрэ и нэгум десауэ тц1ыхуу к1уэда щ1алэм хуэстхащ мыр 😥🥺 , къыдалъхуахэм , и унагъуэм, и ныбжьэгъухэм , и 1ыхьлыхэм, я гум къи1ук1 упщ1э бжыгъэншэхэр къыхэзгъэщу. 1) Сыщхьэщыту бжьэпэ лъагэм дей, уафэ лъащ1эм сыдоплъей . Бжьыхьэ уэшхыр къыстощащэ, си нэпсит1ри къощэщэх. Ежьу: Дэнэ, дэнэ ущыхэт ? Дунеишхуэм уэ ущыдмыгъуэт.Дэнэ, дэнэ ущыхэт ? Уи к1уэдып1эр къыджезы1энур хэт? 2) Уи хэщ1ап1эр къыдолъыхъуэ, уи лъэужьыр дымыгъуэт. Хъыбарыншэу гъэхэр мак1уэ, Дэнэ мыгъуэм ущыхэт. Ежьу: ........ Уздэщы1эр къыджезы1энур хэт ? 3) Жэщк1э си псэр къыхоск1ык1ыр, уи ц1эр жыс1эурэ сыкъоуш. Сызэщыджэурэ сыноджэ, сынэ1эбэурэ уобзэхыж. Ежьу: ......... Уи лъэужьым дытезышэнур хэт ? 4) Уа1ыгъыу п1эрэ щхьэхуимыту ? Е удэхуэхыу зэщымыщхъу ухъуа ? Хьэмэрэ гущ1эгъуншэу уагъэк1уэду, куэд щ1ауэ уи псэр хьэршым яхьыжа ? Ежьу ..... 5) К1ыф1щ уэрыншэу, дэ ди гъащ1эр, Дыпхуэныкъуэщ, удмыгъуэт. Мыхъуми, пщ1ыхьк1э зыкъэдгъащ1э -- Уздэщы1э дыдэр къэдгъэгъуэт. Ежьу