Адыгэ уэрэд | Нэхущ Чэрим - Хэт епта си гъатхэр? | Nehuş Çerim | Circassian song | Çerkes Müziği


Черим Нахушев ТЕКСТ: Жыжьэу хощэтыкӏ зы пшынэ макъ, Сэщхьу ари гуауэм йоныкъуэкъу, Лъагъуныгъэр зым хуэгъагъэу, Зым темыкӏыу и псэм пшагъуэр Гъащӏэр жэуапыншэу щхьэ зэхэлъ? Гъатхэр нокӏуэ хъыбарыхьэ, Къегъэзэж щӏымахуэ къехьри, Хэт си гъатхэр тыгъэ зыхуэпщӏар? Мазэр пшэ гуэрэным къыхосыкӏ, Ди лъэс лъагъуэр нэкӏэ щӏызощыкӏ, Ауэ лъагъуэм сэ теслъагъуэр Уэ пхуэсщӏауэ сиӏэ гъугъэрщ, Ауэ гугъэм хэхъуэ фӏэкӏ хэмыщӏ. Бахъсэныпсым зыхидзауэ Мы сигу мафӏэр псым йозауэ, Мыункӏыфӏмэ, тӏури дыхисхьащ. Нэхущ вагъуэр лыду, мес, къыкъуокӏ, Пхуэсщӏ гухэлъым ищӏкъым фэзэхъуэкӏ, Вагъуэрщ дэ диӏар фэеплъу, Къэбгъэзэжрэ абы уеплъмэ, Нэпс щӏэбгъэкӏым сэ сыхэплъэгъуэнщ. Бахъсэныпсым хиху акъужьым, Хуэмытхьэщӏу си лъэужьыр Ди лъэс лъагъуэр псыхъуэм къыдэзнащ.

Смотрите также