ЩIАПХЪЭЩ. РЭМЭЗАН ИСЛЪАМ

Iэгъэбэгу жылэр уэм хэтщи, дымылъагъуххэу жьэдыдошэ, апхуэдэххэу зэбгрокIри дэнэкIи ясей. Жыг пхъафэм тетщ, жыг щIагъым щIэтщ, удз Iувым хэтщ, жыгыр уамэ, зэщIищтагъэххэщ. ЩIы щIагъкIэ зокIуэ, кIуэ аракъэ, зэрымэзу Iэгъэбэгущ.Уеблэмэ, мы дыдызытеувэ щIы щIабэр Iэгъэбэгухэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэ нэрымылъагъум и Iэужьщ.Мыбыхэм я бзэкIэ зэрымэзу зопсалъэ. Ахэм къапсэлъыр, зэхищIыкIын мурадкIэ ящIэдэIуу якIэлъыплъ адыгэ щIалэщ си гъусэри. Рэмэзан Ислъам и гъащIэр Iэгъэбэгухэр джыным теухуа хъуащи, къищIэр фIэмащIэу ахэм яужь итщ.Уеблэм, Iэгъэбэгухэр джыныр и гъащIэ къалэнущ иджы къызэрилъытэр. Абы и щхьэусыгъуэри- мыхэр щымыIатэм дэри дыщыIэнукъым. Дэ, цIыхухэр дыщошынэ мы Iэгъэбэгум, Ахэм теухуауэ тщIэр нэхъыбэу зэпхар фам, гъуэтам, зэрытрищIэрщ. Укъызэмылыну щхъухь зэракIуэцIылъырщ. АтIэ Ислъам апхуэдэнэкIэ еплъкъым ахэм. ЗытригъащIэри нэхъыбэу, зи гъащIэр къэзухар Iэгъэбэгум зэрагъэвыракъым, ахэм ягъэвам гъащIэ къызэрыхагъэтэджыкIыжыфыращ, щхъухьым я нэхъ гуащIэми хущхъуэм я нэхъыфIыр зэрыхэлъырщ. Лъэщкъэ тIэ къэгъэбэгухэр?

Смотрите также